ГЪУЭГУАНЭ ТЕУВЭМ, ЖИIЭНУР

1

И къеджэкIэр: (Iэллаhу Iэкбэр, Iэллаhу Iэкбэр, Iэллаhу Iэкбэр). (Субхьанэллэзий сэхъхъэрэ лэна hаза, уэ ма кунна лэhуу мукъринийнэ, уэ Iинна Iила рэббина лэмункъэлибуунэ). (Iэллаhуммэ Iинна нэсIэлукэ фий сэфэрина hаза Iэл- биррэ уэт-тэкъ-уа, уэ минэл-гьэмэли ма тэрда, Iэллаhуммэ hэууин гьэлэйна сэфэрэна hаза, уэтI-уи гьэнна бугьдэhуу, Iэллаhуммэ Iэнтэщ-щахьибу фис-сэфэри, уэл-хъэлифэту фил-Iэhли, Iэллаhуммэ Iинний Iэгьуузу бикэ мин уэгьĉаIис-сэфэри, уэ кэIабэтил-мэнжьэри, уэ сууIил-мункъэлэби фил-мали уэл-Iэhли). И мыхьэнэр: Алыхьыр Инщ, Алыхьыр Инщ, Алыхьыр Инщ . ХэIэтыкIащ мы дэ тхуэмыщIыну щытар IурыщIэ тхуэзыщIар! Хьэкъщ, ди Тхьэм и пащхьэ дызэрихьэжынур . Я, Аллаh, Уэ дынолъэIур мы ди гъуэгуанэм даIуэныгъэрэ тхьэшынагъэрэ тхэлъу дытебгъэтыну; IуэхущIафэуи Уэ арэзы узытехъуэр дыбгъэлэжьыну. Я, Аллаh, псынщIэ тхуэщI икIи тхуэгъэкIэщI мы ди гъуэгуанэр. Я, Аллаh, Уэращ гъуэгуанэм щыдигъусэр, ди унагъуэми къахэнэр. Я, Аллаh, Уэ сыныпкъуоувээ гъуэгуанэм и хьэлъэми, теплъэгъуэджэхэми; си мылъкукIэ е си унагъуэкIэ гуауэщхьэуэ къэхъункIэ хъунухэми сащыпхъумэну . КЪЭБГЪЭЗЭЖАУЭ ГЪУЭГУАНЭ УКЪЫЩЫТЕХЬЭЖКIЭ, А ДУГЬЭ ДЫДЭР ЖЫПIЭНЩИ, МЫРИ И УЖЬЫМ КЪЫПЫБГЪЭУВЭНЩ: И къеджэкIэр: (Iааибуунэ таIибуунэ гьабидуунэ, лирэббина хьамидунэ). И мыхьэнэр: Къыдогъэзэж, тоби къыдохьыж, гьибадэти долэжь, ди Тхьэми фIыщIэ худощI .

Zaker copied