ШХЭН ЯМЫУБЛЭ ИПЭКIЭ, ЖАIЭР

1

Бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, жиIащ: Фыщышхэнум деж жыфIэ: И къеджэкIэр: (Бисмил-Лаh). И мыхьэнэр: Алыхьым и цIэкIэ . ЩиублэкIэ ар жиIэну зыщыгъупщам, жырыреIэ: И къеджэкIэр: ( Бисмиллаhи фий Iэууэлиhи уэ Iахъириhи). И мыхьэнэр: Алыхьым и цIэкIэ и пэщIэдзэми и кIэухми .

2

Мыпхуэдэуи жиIащ лIыкIуэ лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным: Алыхьым ерыскъы зритам мыпхуэдэу жырыреIэ: И къеджэкIэр: (Iэллаhуммэ барик лэна фииhи, уэ IэтIгьимна хъэйрэн минhу). И мыхьэнэр: Я, Аллаh, берычэтыр мыбы къытхухэлъхьи, нэхъыфIыжи шхыну къыдэт . Шэ Алыхьым зриту абы ефам жырыреIэ: И къеджэкIэр: (Iэллаhуммэ барик лэна фииhи, уэ зидна минhу). И мыхьэнэр: Я, Аллаh, берычэтыр мыбы къытхухэлъхьи, нэхъыбэжуи къыдэт .

Zaker copied