ЖЭНАЗЫ НЭМЭЗЫМ ХЭТ ДУХЬЭР

1

Гу зылъытапхъэ: Мы дугьэхэм ящыщ дэтхэнэ зыри къыхэпхыу, Жэназы нэмэзым хэбгъэувэ хъунущ. И къеджэкIэр: (Iэллаhумэгъфир лэhу уэрхьэмhу, уэ гьафиhи уэгьфу гьэнhу, уэ Iэкрим нузулэhу, уэ уэссигь мудхъэлэhу, уэгъсилhу бил-маIи уэĉ-ĉэлджи уэл-бэрэди, уэ нэкъкъиhи минэл-хъэтIая кэма нэкъкъэйтэĉ-ĉэубэл-Iэб-едэ минэд-дэнэси, уэ Iэбдилhу дарэн хъэйрэн мин дариhи, уэ Iэhлэн хъэйрэн мин Iэhлиhи, уэ зэуджэн хъэйрэн мин зэуджиhи, уэ Iэдхъилhул-джэннэтэ, уэ Iэгьизhу мин гьэзабил-къэбри (уэ гьэзабин-нари) ). И мыхьэнэр: Я, Аллаh, къыхуэгъэгъу мыбы (и гуэныхьыр), гущIэгъуи къыхуэщI; щыхъумэ гьэзабым, къыщыгъэлъапIэ екIуэлIапIэ хуэхъуам, и мащэр Iэхуитлъэхуит хуэщI; гъэкъабзэ ар псыкIэ, уэскIэ, уэкIэ; къыхэгъэкъэбзыкI и гуэныхьхэм щыгъын хужьым фIейр зэрыхэбгъэкIым хуэдэу; къет абы унэ – и унэм нэхърэ нэхъыфIу, унагъуэ – и унагъуэм нэхърэ нэхъыфIу, щхьэгъусэ – и щхьэгъусэм нэхърэ нэхъыфIу, хэшэ ар Жэнэтым, щыхъумэ мащэм и гьэзабми, ]мафIэм и гьэзабми[ .

2

И къеджэкIэр: (Iэллаhуммэгъфир ли хьэиина, уэ мэиитина, уэ шаhидина, уэ гъаIибина, уэ щэгъийрина, уэ кэбийрина, уэ зэкирина, уэ Iунĉана. Iэллаhуммэ мэн Iэхь-ейтэhу минна фэ Iэхьиhи гьэлэл-Iислами, уэ мэн тэуэффэйтэhу минна фэтэуэффэhу гьэлэл-Iиймани. Iэллаhуммэ ла тэхьримна Iэджрэhу, уэ ла тудиллэна бэгьдэhу). И мыхьэнэр: Я, Аллаh, къахуэгъэгъу ди псэухэми ди лIахэми, (мыбдеж) къекIуэлIахэми, къемыкIуэлIахэми, нэхъыщIэхэми, нэхъыжьхэми; цIыхухъухэми, цIыхубзхэми. Я, Аллаh, дэ тщыщу гъащIэ зэптхэр гъэпсэу Ислъамым тету, дэ тщыщу зэпшэлIэжхэр зэшэлIэж Iиман ябгъэдэлъу. Я, Аллаh, дэри дыхыумын псапэ къыпэк1уэм, абы иужь гъуэгу захуэми дытумыш . * НэгъуэщI дугьэхэри щыIэщ.

Zaker copied