ЗИ ГУГЪЭР ГЪАЩIЭМ ХЭЗЫХЫЖА СЫМАДЖЭР ЗЭРЫЛЪЭIУЭН ДУГЬЭ

1

И къеджэкIэр: (Iэллаhуммэгъфир лий, уэрхьэмний, уэ Iэлхьикъний бир-рэфийкъил-Iэгьла). И мыхьэнэр: Я, Аллаh, къысхуэгъэгъу, гущIэгъу къысхуэщIи хэпIэтыкIахэм гъусэ сахуэщI .

2

Езы бегъымбарыми, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыныр, и псэ хэкIыгъуэр къыщыблэгъам, и IитIыр псым хилъхьэрэ, и нэкIум ар щихуэжурэ, мыр жиIэрт: И къеджэкIэр: (Ла Iилаhэ Iиллэл-Лаhу, Iиннэ лил-мэути лэсэкэраат). И мыхьэнэр: ЩыIэкъым тхьэ Алыхьым нэмыщI; пэжыращи, лIэныгъэм и Iуэхур хьэлъэщ .

3

И къеджэкIэр: (Ла Iилаhэ Iиллэл-Лаhу уэл-Лаhу Iэкбэру, ла Iилаhэ Iиллэл-Лаhу уэхьдэhуу, ла Iилаhэ Iиллэл-Лаhу уэхьдэhуу ла шэрийкэ лэh, ла Iилаhэ Iилэл-Лаhуу лэhул-мулку, уэ лэhул-хьэмду, ла Iилаhэ Iиллэл-Лаh. Уэ ла хьэулэ уэ ла къуууэтэ Iилла бил-Лаh). И мыхьэнэр: ЩыIэкъым тхьэ Алыхьым нэмыщI, Алыхьыр Инщ; щыIэкъым тхьэ Алыхь закъуэм фIэкIа; щыIэкъым тхьэ Алыхь закъуэм фIэкIа гъуси иIэкъым Абы; щыIэкъым тхьэ Алыхьым нэмыщI, тетыгъуэр зейри Аращ, щытхъур зейри Аращ; щыIэкъым тхьэ Алыхьым нэмыщI, ЛъэкIыныгъи, къаруи зыми иIэфынукъым Алыхьыншэу .

Zaker copied