ЗИ IИМАНКIЭ ШЭЧ КЪЭЗЫХЬАМ ЖИIЭНУМРЭ ИЩIЭНУМРЭ

1

Япэрауэ: шейтIаным щихъумэну Алыхь Иным елъэIун, мыр жиIэу: Iэгьуузу биллаhи минэш-шэйтIанир-рэджиим . ЕтIанэрауэ: и гум шэч къихьар жыжьэу зыпыIуигъэкIуэтын.

2

Ещанэрауэ: мыр жиIэн: ( آمَنْـتُ بِاللهِ وَرُسُـلِهِ ). Iамэнту биллаh уэ русулиh – Си фIэщ хъуащ Алыхьри, Абы и лIыкIуэхэри .

3

ЕплIанэрауэ: КъурIэным щыщу мыбы къеджэн: (hууэл-Iэууэлу уэл-Iахъиру, уэжь-Жьаhиру уэл-БатIину, уэ hууэ бикулли шэйIин гьэлиим). Ар (Алыхьыр) япи итщ, яужьи къитщ; НаIуэщ икIи ЩIэхъумащ, Ар псори зыщIэщ .

Zaker copied