И къеджэкIэр: (Ла Iилаhэ Iиллэл-Лаhул-Гьэжьимул-Хьэлийм; ла Iилаhэ Iиллэл-Лаhу рэббул-гьэршил-гьэжьиим; ла Iилаhэ Iиллэл-Лаhуу рэббус-сэмауати уэ рэббул- Iэрди, уэ рэббул-гьэршил-кэриим). И мыхьэнэр: Иныгъэ егъэлея зыбгъэдэлъу, егъэлеяуи щабэу щыт Алыхьым фIэкIа тхьэ щыIэ¬¬къым. Гьэршышхуэм и тет Алыхьым фIэкIа тхьэ щыIэкъым. Уафэхэми я тету щIылъэми и тету, Гьэрш гъуэзэджэми и тету щыт Алыхьым фIэкIа тхьэ щыIэкъым .
И къеджэкIэр: (Iэллаhуммэ рэхьмэтэкэ Iэрджуу, фэла тэ¬килний Iила нэфсий тIэрфэтэ гьэйн, уэ Iэщ¬лихь лий шэIний куллэh, ла Iилаhэ Iилла Iэнтэ). И мыхьэнэр: Я, Аллаh, уи гущIэгъуращ сызыщыгугъри; напIэ Iэтыгъуэ хуэдизкIэ си щхьэм сыкъыхуомыгъанэ; си Iуэхухэр псори зэпэщ схуэщI. ЩыIэкъым тхьэ Уэр нэмыщI .
И къеджэкIэр: (Ла Iилаhэ Iилла Iэнтэ субхьанэкэ Iинний кунту минэжь-жьалимин). И мыхьэнэр: ЩыIэкъым тхьэ Уэр нэмыщI. Хуэмыфа¬щэхэм уахэIэтыкIащ. Пэжыр аращи, сэ залмыгъэ зезыхьахэм сащыщащ .
И къеджэкIэр: (Iэллаhу, Iэллахуу рэббий ла Iушрику биhии шэйIэн). И мыхьэнэр: Алыхьращ, Алыхьращ си тхьэр, абы зыри гуэгъу хуэсщIыркъым .