И къеджэкIэр: (Iэллахуммэ Iинни гьэбдукэ, ибну гьэб¬дикэ, ибну Iэмэтикэ, нащиетии биедикэ, мадин фийе хьукмукэ, гьэдлун фийе къэдаIукэ, Iэ¬сIэ¬¬лукэ бикуллис-мин хуу-уэ лэкэ, сэммэйтэ биhи нэфсэкэ, Iэу Iэнзэлтэhу фи китабикэ, Iэу гьэллэмтэhу Iэхьэдэн мин хъэлкъикэ, IэуистэIĉэртэ биhи фи гьилмил-гъэйби гьиндэкэ, Iэн тэджгьэлэл-КъурIанэ рэбиигьэ къэлбий, уэ нурэ щэдрии, уэ джэлаIэ хьузнии, уэ зэhабэ hэмми). И мыхьэнэр: Я, Аллаh, сэ Уэ сыурипщылIщ, уи пщылI цIыху-хъум сырибынщ, уи пщылI цIыхубзми сырибынщ; си Iуэхур уи Iэмы¬¬щIэ илъщ, уи унафэр си деж щыпхырокI, сэ къыс¬хуэ¬бухауэ къэхъу Iуэхугъуэхэр уи захуагъэм щыщщ. СынолъэIу: цIэ уиIэхэмкIэ псомк1и; ахэр Уэ зыфIэпщыжами, е уи тхылъкIэ къебгъэхами, е къэбгъэщIахэм ящыщ гуэрым ебгъэщIами, е уи щIэныгъэ щэхум щыщу уи деж къэбгъэнэжами, (сынолъэIу) КъурIэныр си гум и гъатхэ пщIыну, си бгъэм и нури пщIыну, си нэщхъеягъэр абыкIэ сщхьэщыкIыну, си гукъеуэри абы дэкIуэдыну .
И къеджэкIэр: (Iэллаhуммэ Iинний Iэгьуу-зу бикэ минэл-hэмми, уэл-хьэзэни, уэл-гьэджзи, уэл-кэсэли, уэл-бухъли, уэл-джубни, уэ дэлэгьид-дэйни, уэ гъэлэбэтир-риджал). И мыхьэнэр: Я, Аллаh, сэ сыныпкъуоувэ - гукъеуэми, гухэ¬щI¬ми, слъэмыкIыжIауэ сыкъэнэнми, щхьэхы¬нагъэми, быдагъэми (нэпсеягъэ), къэрэбгъагъэми, щIыхуэм и хьэлъагъми, цIыху къыстегушхуэ¬нми – сащыпхъумэну .