УИТЫР НЭМЭЗЫМ ХЭТ КЪУНУТ ДУГЬЭР

1

И къеджэкIэр: (Iэллаhумэh-динии фи мэн hэдэйт, уэ гьафинии фи мэн гьафэйт, уэ тэуэллэнии фи мэн тэуэллэйт, уэ барик лии фи ма Iэгьтэйт, уэ къинии шэррэ ма къэдэйт, Iиннэкэ тэкъдии уэ ла юкъда гьэлэйк. Iиннэhу ла езиллу мэн уалэйт, уэ ла егьиззу мэн гьадэйт, тэбарэктэ рэббэна уэ тэгьалэйт). И мыхьэнэр: Я, Аллаh, бузэщIахэм сахэту сэри сыузэщI, къэпхъумахэм сахэту сэри сыкъэхъумэ, узыхуэсэкъахэм сахэту сэри къысхуэсакъ, къызэптами берычэтыр схухэлъхьэ, къысхуэбухам и Iейми сыщыхъумэ; Уэращ унафэ зыщIыр, Уэ зыми унафэ къыптрищIэжкъым; Уэ фIыуэ плъэгъуар пуд хъуркъым, Уэ бий пщIам къару иIэкъым; уи берычэтыр бэгъуащ, Уэ, ди Тхьэ!, икIи ухэIэтыкIащ .

2

И къеджэкIэр: (Iэллаhумэ Iиннии Iэгьузу биридакэ мин сэхъэтIик; уэ бимугьафатикэ мин гьукъуубэтик; уэ Iэгьузу бикэ минк, ла Iухьщии ĉэнаIэн гьэлэйк; Iэнтэ кэма Iэĉнэйтэ гьэла нэфсик). И мыхьэнэр: Я, Аллаh, сэ уи арэзыныгъэм сыкъуоувэ уи губжьым сыкъелын папщIэ, уи къэхъумэныгъэми (сыкъуоувэ) уи тезырым сыкъелын папщIэ; Уэри сыножал1э Уэ сыкъолын папщIэ; Уэ щытхъу (пхуэфащэр) сэ къысхуэлъытэнукъым, атIэ Уэ езыр уи щхьэ узэрыщытхъужщ .

3

И къеджэкIэр: (Iэллаhуммэ Iинна нэстэгьиинукэ, уэ нэстэгъфирукэ, уэ нэстэhдиикэ, уэ нуIмину бикэ уэ нэтэуэккэлу гьэлэйкэ, уэ нуĉний гьэлэйкэл-хъэйрэ куллэh, нэшкурукэ уэ ла нэкфурукэ, уэ нэхълэгьу уэ нэтруку мэн ефджурукэ. Iэллаhуммэ Iийякэ нэгьбуду, уэлэкэ нущэллии уэ нэсджуду, уэ Iилэйкэ нэсгьа уэ нэхьфиду, нэрджуу рэхьмэтэкэ, уэ нэхъша гьэзабэкэ, Iиннэ гьэзабэкэл-джиддэ бил-куффари мулхьикъ). И мыхьэнэр: Я, Аллаh, укъыддэIэпыкьуну дынолъэIур, къытхуэбгъэгъунуи дынолъэIур; дыбузэщIынуи дынолъэIур, ди фIэщи уохъу, икIи дыпщогугъу; фIы псомкIи дызыщытхъур Уэращ; фIыщIи пхудощI, фIыщIэмыщIхэми дащыщкъым; Я, Аллаh, уэращ дызыхуэпщылIри, нэмэз зыхуэтщIри, ди щхьэр зыхуэдгъэтIылъри; Уэ уи деж дыпIащIэу (дыпхуэлэжьэну) дынокIуэ; дыщогугъ уи гущIэгъум, дыщошынэ уи гьэзабым, Уэ уи гьэзаб хьэкъыр, шэч хэмылъу, джаурхэм къалъыIэсынущ .

Zaker copied