ЩЫГЪУЭЛЪЫЖКIЭ, ЖАIЭ ДУГЬЭХЭР

1

И Iэгу ущIаитIыр зэгуелъхьэри, мыхэм къеджэурэ, Iэгум йопщэ: (Iэл-Iихълащ сурэ) И къеджэкIэр: ( Бисмил-Лаhир-Рэхьманир-Рэхьийм. (Къул hу-уэл-Лаhу Iэхьэд, Iэл-Лаhущ-Щэмэд, лэм елид уэ лэм юулэд, уэ лэм екун лэhуу куфу-уэн Iэхьэд ) И мыхьэнэр: ЖыIэ: Ар, Алыхьыр – Закъуэщ. Алыхьыр псори зыхуэныкъуэу зыми хуэмыныкъуэжщ. Лъхуакъым, икIий къалъхуакъым. ИкIи абы хуэбгъэдэн зыри щыIэкъым . (Iэл-Фэлэкъ сурэ) И къеджэкIэр: ( Бисмил-Лаhир-Рэхьманир-Рэхьийм. Къул Iэгьуу-зу бирэббил-фэлэкъ, мин шэрри ма хъэлэкъ, уэ мин шэрри гъасикъин Iиза уэкъэб, уэ мин шэррин-нэффаĉати фил-гьукъэд, уэ мин шэрри хьасидин Iиза хьэсэд ) И мыхьэнэр: ЖыIэ: КIыфIыр къызэгуэзыч нэхум и Тхьэм сыкъуоувэ: къигъэщIахэм я Iейми; сытри щыщIиуфэм и деж кIыфIым и Iейми; щхъухьпсыхьым епщэхэм я Iейми; щыфыгъуэм и деж фыгъуакIуэм и Iейми – сaщихъумэну . (Iэн-Нас сурэ) И къеджэкIэр: ( Бисмил-Лаhир-Рэхьманир-Рэхьийм. Къул Iэгьуу-зу бирэббин-нас, мэликин-нас, Iилаhин-нас, мин шэрриль уэс-уасил-хъэннас, Iэллэзий юуэс-уису фий щудуу-рин-нас, минэл-джиннэти уэн нас) И мыхьэнэр: ЖыIэ: Сыкъуоувэ цIыхухэм я Тхьэм, цIыхухэм я Пщым, цIыхухэм Зыхуэпщыл1ым: къоIущащэрейуэ зызудыгъужрейм (шейтIаным) и Iейм; цIыхухэм ягухэм екIэ къиIущащэм и Iейм – сащихъумэну, ар жынхэм ящыщми, цIыхухэм ящыщми . * Абыхэм еджа нэужь, и Iэгухэм йопщэри, и Iэпкълъэпкъ псом зылъыIэсым нэс щехуэ. Япэу зыщихуэнур и щхьэ, и нэкIу, и Iэпкълъэпкъым щыщу и гупэмкIэ щы1эхэращ. Апхуэдэурэ щэней (3) къытригъэзэжурэ ещI.

2

И къеджэкIэр: ( Iэл-Лаhу ла Iилаhэ Iилла hу-уэл-Хьэйюл-Къэйюм, ла тэIхъузуhуу синэтун уэ ла нэу-м. Лэhуу ма фис-сэмауати уэ ма фил-Iэрд, мэн зэллэзи ешфэгьу гьиндэhуу Iилла биIизниh. Егьлэму ма бэйнэ Iэйдийhим уэ ма хъэлфэhум, уэ ла юхьийтIуу-нэ бишэйIин мин гьилмиhий Iилла бима шаI. Уэсигьэ курсийюhус-сэмауати уэл-Iэрд, уэ ла еIуудуhуу хьифжьуhума уэ hу-уэл-Гьэлийюл-Гьэжьийм ). И мыхьэнэр: Алыхьым фIэкIа нэгъуэщ1 тхьэ щыIэкъым. Псэущ, ЗэтезыIыгъэщ. Щхьэукъуэнми жейми яубыдыркъым Ар. Уафэхэм щыIэхэри, щIылъэм щыIэхэри Абы ейщ. Абы Езым и IизынкIэ фIэкIа – хэт Абы и деж къыщыпщхьэщыжыфын?! Абы ещIэ (къигъэщIахэм ялэжьауэ) я пащхьэ илъри, (ялэжьыну) я щIыбагъ къыдэлъри. Абы и щIэныгъэм щыщу ар зыхуейм хуэдизым фIэкIа зыри къыхуэухьынукъым къигъэщIахэм я щIэныгъэм. Абы и Курсийм (тахътэм) уафэхэри щIылъэри еуфэбгъу. А тIур (уафэхэмрэ щIылъэмрэ) хъумэнри къехьэлъэкIкъым Абы. Ар нэсу Лъагэщ, Ин и Иныжщ .

3

И къеджэкIэр: (Iаманэр-рэсулу бима Iунзилэ Iилэйhи мин ррэббиhи уэл-муIминун. Куллун Iамэнэ биллаhи уэ мэлаIикэтиhи уэ кутубиhи уэ русулиh. Ла нуфэррикъуу бэйнэ Iэхьэдин мин ррусулиh. Уэ къалуу сэмигьна уэ IэтIэгьна, гъуфранэкэ рэббэна уэ Iилэйкэл-мэщиир. Ла юкэллифул-Ллаhу нэфсэн Iилла усгьэhа, лэhа ма кэсэбэт уэ гьэлейhа мэктэсэбэт. Рэббэна ла туIахъизна Iин нэсина Iэу IэхътIэIна. Рэббэна уэ ла тэхьмил гьэлэйна Iищрэн кэма хьэмэлтэhуу гьэлэ-ллэзинэ мин къэблина. Рэббэна уэ ла тухьэммилна ма ла тIакъэтэ лэна биh, уэгьфу гьэнна, уэгъфир лэна, уэрхьэмна, Iэнтэ мэулана, фэнщурна гьэлэл-къэумил-кафирин). И мыхьэнэр: (ЛIыкIуэм и фIэщ хъуащ и Тхьэм къыхуригъэхар (КъурIэныр), Iиман зиIэхэми (я фIэщ хъуащ). А псоми я фIэщ хъуащ Алыхьри; Абы и мелыIычхэри; и фIыцIагъэхэри; и лIыкIуэхэри. (Жа1э абыхэм): Дэ Абы и лIыкIуэхэр зэхэгъэж тщIыркъым. Абыхэм жаIэ: “Дэ (унафэр) зэхэтхащ ик1и жыIэщIэ дыхъуащ. Уэ ди Тхьэ! Къытхуэгъэгъу, Уэращ дэ зи пащхьэ дихьэжынур”. Алыхьым зыми хуэмышэчын трилъхьэркъым. ФIы зыщ1эм – и щхьэ хуещ1эжэ, Iей зыщ1эм – и щхьэ ирещ1эж. Уэ ди Тхьэ, тщыгъупщамэ е дыщыуамэ думыгъэпшынэ! Уэ ди Тхьэ, ди япэкIэ щыIахэм ятелъа хьэлъэм хуэдэ къыттумылъхьэ! Уэ ди Тхьэ, ди къарум къимыхьын къыттумылъхьэ! Дыщыхъумэ, къытхуэгъэгъу, гущIэгъуи къытхуэщI! Уэращ ди Тепщэр, къыддэIэпыкъуи датегъакIуэ джаурхэм!).

4

И къеджэкIэр: (Бисмикэ рэббий уэдэгьту джэнбий, уэ бикэ Iэрфэгьуh, фэIин Iэмсэктэ нэфсий фэрхьэмhа, уэ Iин Iэрсэлтэhа фэхьфэжьhа, бима тэхьфэжьу биhи гьибадэкэщ-щалихьийн). И мыхьэнэр: Уи цIэкIэ, Си Тхьэ, си Iэпкълъэпкъыр згъэтIылъыжащ, УэркIи къызоIэтыжри - си псэр быубыдыжмэ гущIэгъу къыхуэщI; къэбутIыпщыжмэ, къэхъумэ, уи пщылI пэжхэр зэрыпхъумэмкIэ .

5

И къеджэкIэр: (Iэллаhуммэ Iиннэкэ хъэлэкътэ нэфсий уэ Iэнтэ тэуэффаhа, лэкэ мэматуhа уэ мэхь-яhа, Iин Iэхь-ейтэhа фэхьфэжьhа, уэ Iин Iэмэттэhа фэгъфир лэhа, Iэллаhуммэ Iиннии IэсIэлукэл--гьафиеh). И мыхьэнэр: Я, Аллаh, пэжыращи Уэ къэбгъэщIащ си псэр, зыгъэлIэжынури Уэращ. Уи IэмыщIэ илъщ абы и лIэнри, и псэунри. Ар бгъэпсэумэ, къэхъумэ; бгъалIэмэ къыхуэгъэгъу. Я, Аллаh, хъумэныгъэкIэ сынолъэIур .

6

И къеджэкIэр: (Iэллаhуммэ къиний гьэзабэкэ еумэ тэбгьэĉу гьибадэкэ). ( 3 жыIэн). И мыхьэнэр: Я, Аллаh, сыщыхъумэ уи гьэзабым уи пщылIхэр къыщыбгъэтэджыжыну Махуэм .

7

И къеджэкIэр: ( Бисмикэл-Лаhуммэ Iэмууту уэ Iэхь-я ). И мыхьэнэр: Я Аллаh, уи цIэр жысIэурэ сыпсэухукIэ сопсэу, абы сытетыуи солIэж .

8

И къеджэкIэр: (Iэллаhуммэ рэббэс-сэмауатис-сэбгьи уэ рэббэл-гьэршил-гьэжьийм; рэббэна уэ рэббэ кулли шэйIин, фаликъэл-хьэбби уэн-нэуа, уэ мунзилэт-тэурати уэл- Iинджили, уэл-фуркъан; Iэгьуузу бикэ мин шэрри кулли шэйIин Iэнтэ Iахъизун бинащиетиh. Iэллаhуммэ Iэнтэл-Iэууэлу фэлэйсэ къэблэкэ шэйI, уэ Iэнтэл-Iахъиру фэлэйсэ бэгьдэкэ шэйI, уэ Iэнтэжь-Жьахиру фэлэйсэ фэукъэкэ шэйI, уэ Iэнтэл-БатIину фэлэйсэ дуунэкэ шэйI, Iикъди гьэннэд-дэйнэ, уэ Iэгънина минэл-фэкъри ). И мыхьэнэр: Я, Аллаhу уафиблми гьэршышхуэми я Тхьэ; ди Тхьэ икIи псоми я Тхьэ; хьэдзэри, купкъри къэзыгъэтIэпI; Тэурэтри, Инджылри, КъурIэнри къезыгъэха, Уэ сыножал1э сыт хуэдэ Iейми сыщыпхъумэну, псори Уэ уи жыIэ щIэтщи! Я, Аллаh, Уэ Япэ уитщ, икIи щыIакъым уи япэ зыри, Уэ Иужьи уитщ, уи яужьи зыри щыIэнукъым, Уэ – УнаIуэщ, Уи щхьэкIи щыIэIакъым, Уэ – УщIэхъумащ, Уэр нэхъ гъунэгъуи щыIэкъым, тхуэпшыныж ди щIыхуэр, дыкъыхуумыгъанэ факъырагъэм .

9

И къеджэкIэр: (Субхьанэл-Лаhи (33-рэ); уэл-хьэмду лил-Лаhи (33-рэ); уэл-Лаhу Iэкбэр (33-рэ) ). И мыхьэнэр: ХэIэтыкIащ Алыхьыр; щытхъур ейщ Алыхьым, Алыхьыр псом нэхърэ нэхъ Инщ .

10

И къеджэкIэр: (Iэльхьэмду лил-Лаhил-лэзий IэтIгьэмэна уэ сэкъана, уэ кэфана, уэ Iауана, фэкэм миммэн ла кафие лэhу уэ ла муI-уие). И мыхьэнэр: Дызыгъэшха, (псы) дезыгъэфа, дыкъэзыхъума, увыIэпIэ къыдэзыта Алыхьым фIыщIэр ейщ; дапщэ щыIэ-тIэ къэзыхъумэнрэ, зэкIуэлIэнрэ имыIэу?! .

11

И къеджэкIэр: (Iэллаhуммэ гьалимэл-гъэйби уэш-шэhадэ, фатIирэс-сэмауати уэл-Iэрд, рэббэ кулли шэйIин уэ мэлийкэh, Iэшhэду Iэн ла Iилаhэ Iилла Iэнтэ; Iэгьуузу бикэ мин шэрри нэфсии, уэ мин шэрриш-шэйтIани уэ ширкиh, уэ Iэн Iэкътэрифэ гьэла нэфсий сууIэн, Iэу Iэджуррэhу Iила муслим). И мыхьэнэр: Я, Аллаhу щэхури наIуэри ЗыщIэ, уафэхэри щIылъэри КъэзыгъэщIа, сыт ищIысми и Тхьэу ик1и и Тепщэ; щыхьэт сытохъуэ уэр фIэкIа нэгъуэщI тхьэ зэрыщымыIэм; си псэм и Iейми, шэйтIаным къыбгъэдэкI Iейми, тхьэм гъусэ хуэщIыным (шейтIаным) зэрыхуриджэми, муслъымэн гуэрым е си щхьэ зэран езгъэкIынми сащыпхъумэну сыныпкъуоувэ .

12

* КъурIэн лъапIэм щыщу сурэ Iэс-Сэдждэ -мрэ (№32), сурэ Iэл-Мулк -ымрэ (№ 67) йоджэ.

13

И къеджэкIэр: (Iэллаhуммэ Iэслэмту нэфсий Iилэйкэ, уэ фэууэдту Iэмрий Iилэйкэ, уэ уэджджэhту уэджhии Iилэйкэ, уэ IэльджэIту жьэhрий Iилэйкэ, рэгъбэтэн уэ рэhбэтэн Iилэйкэ, ла мэлджэIэ уэ ла мэнджа минкэ Iилла Iилэйкэ, Iамэнту бикитабикэл-лэзий Iэнзэлтэ, уэ бинэбийикэл-лэзий Iэрсэлтэ). И мыхьэнэр: Я, Аллаh, си псэр Уэ пIэщIэслъхьащ, си Iуэхури Уэ ныббгъэдэслъхьащ, си нэкIури Уэ ныпхуэзгъэзащ, си тхыри Уэ ныпкIэрызгъэщIащ ; сыщIэхъуэпсу (уи псапэм), сыщышынэу (уи губжьым). Уэ сыкъыббгъэдэкIыу сызэжэлIэн зыри щыIэкъым Уэ сыномыжэлIэжмэ; Уэ сыукъригъэлыну зыри щыIэкъым Уэр фIэкIаи; си фIэщ хъуащ уи тхыгъэ къебгъэхари, уи лIыкIуэ къэбгъэкIуари .

Zaker copied