ПЩЭДДЖЫЖЬЫМРЭ ПЩЫХЬЭЩХЬЭМРЭ ЯЩI ЗИКРХЭР

1

И къеджэкIэр: ( Iэл-Лаhу ла Iилаhэ Iилла hу-уэл-Хьэйюл-Къэйюм, ла тэIхъузуhуу синэтун уэ ла нэу-м. Лэhуу ма фис-сэмауати уэ ма фил-Iэрд, мэн зэллэзи ешфэгьу гьиндэhуу Iилла биIизниh. Егьлэму ма бэйнэ Iэйдийhим уэ ма хъэлфэhум, уэ ла юхьийтIуу-нэ бишэйIин мин гьилмиhий Iилла бима шаI. Уэсигьэ курсийюhус-сэмауати уэл-Iэрд, уэ ла еIуудуhуу хьифжьуhума уэ hу-уэл-Гьэлийюл-Гьэжьийм ). И мыхьэнэр: Алыхьым фIэкIа нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым. Псэущ, ЗэтезыIыгъэщ. Щхьэукъуэнми жейми яубыдыркъым Ар. Уафэхэм щыIэхэри, щIылъэм щыIэхэри Абы ейщ. Абы Езым и IизынкIэ фIэкIа – хэт Абы и деж къыщыпщхьэщыжыфын?! Абы ещIэ (къигъэщIахэм ялэжьауэ) я пащхьэ илъри, (ялэжьыну) я щIыбагъ къыдэлъри. Абы и щIэныгъэм щыщу ар зыхуейм хуэдизым фIэкIа зыри къыхуэухьынукъым къигъэщIахэм я щIэныгъэм. Абы и Курсийм (тахътэм) уафэхэри щIылъэри еуфэбгъу. А тIур (уафэхэмрэ щIылъэмрэ) хъумэнри къехьэлъэкIкъым Абы. Ар нэсу Лъагэщ, Ин и Иныжщ .

2

И къеджэкIэр: ( Бисмил-Лаhир-Рэхьманир-Рэхьийм. (Къул hу-уэл-Лаhу Iэхьэд, Iэл-Лаhущ-Щэмэд, лэм елид уэ лэм юулэд, уэ лэм екун лэhуу куфу-уэн Iэхьэд ) И мыхьэнэр: ЖыIэ: Ар, Алыхьыр – Закъуэщ. Алыхьыр псори зыхуэныкъуэу зыми хуэмыныкъуэжщ. Лъхуакъым, икIий къалъхуакъым. ИкIи абы хуэбгъэдэн зыри щыIэкъым . И къеджэкIэр: ( Бисмил-Лаhир-Рэхьманир-Рэхьийм. Къул Iэгьуу-зу бирэббил-фэлэкъ, мин шэрри ма хъэлэкъ, уэ мин шэрри гъасикъин Iиза уэкъэб, уэ мин шэррин-нэффаĉати фил-гьукъэд, уэ мин шэрри хьасидин Iиза хьэсэд ) И мыхьэнэр: ЖыIэ: КIыфIыр къызэгуэзыч нэхум и Тхьэм сыкъуоувэ: къигъэщIахэм я Iейми; сытри щыщIиуфэм и деж кIыфIым и Iейми; щхъухьпсыхьым епщэхэм я Iейми; щыфыгъуэм и деж фыгъуакIуэм и Iейми – сaщихъумэну . И къеджэкIэр: ( Бисмил-Лаhир-Рэхьманир-Рэхьийм. Къул Iэгьуу-зу бирэббин-нас, мэликин-нас, Iилаhин-нас, мин шэрриль уэс-уасил-хъэннас, Iэллэзий юуэс-уису фий щудуу-рин-нас, минэл-джиннэти уэн нас) И мыхьэнэр: ЖыIэ: Cыкъуоувэ цIыхухэм я Тхьэм, цIыхухэм я Пщым, цIыхухэм ЗыхуэпщылIым: къоIущащэрейуэ зызудыгъужрейм (шейтIаным) и Iейм; цIыхухэм ягухэм екIэ къиIущащэм и Iейм – сащихъумэну, ар жынхэм ящыщми, цIыхухэм ящыщми .

3

(Iэщбэхьна уэ Iэщбэхьэл- (Iэмсэйна уэ Iэмсэл) мулку лил-Лаhи, уэл-хьэмду лил-Лаhи. Ла Iилаhэ Iиллэл-Лаhу уэхьдэhуу ла шэрийкэ лэhуу, лэhул-мулку, уэ лэhул-хьэмду, уэ hу-уэ гьэла кулли шэйIин къэдийр. Рэбби IэсIэлукэ хъэйрэ ма фий hазэл-еуми, уэ хъэйрэ ма бэгьдэhуу, уэ Iэгьуу-зу бикэ мин шэрри ма фий hазэл-еуми уэ шэрри ма бэгьдэhуу . Рэбби Iэгьуу-зу бикэ минэл-кэсэли, уэ сууIил-кибэри, рэбби Iэгьуу-зу бикэ мин гьэзабин фин-нар, уэ гьэзабин фил-къэбр). И мыхьэнэр: Дэри, дэр нэмыщI щыIэхэри псори Алыхьу Лъагэм ейуэ нэху дыкъекIащ (жэщ къыттехъуащ), фIыщIэри Алыхьым ейщ. Алыхьым фIэкIа тхьэ щыIэкъым, Закъуэщ гъусэ иIэкъым, мылъкури фIыщIэри ейщ, сытри Абы лъокI. Си Тхьэ! нобэрей махуэм (ныжэбэрей жэщым) къыриубыдэхэм я фIыгъуэмкIи, абы къыкIэлъыкIуэм и фIыгъуэмкIи сынолъэIу. Нобэрей махуэм (жэщым) къыриубыдэм я Iейхэми, абы къыкIэлъыкIуэм и Iейхэми сащыпхъумэну сыножалIэ. Си Тхьэ! Щхьэхынагъэми, жьыгъэм и Iейми сыщыпхъумэну сыножалIэ. Си Тхьэ! МафIэм и гьэзабми, мащэм и гьэзабми сыщыпхъумэну сыножалIэ .

4

И къеджэкIэр: (Iэллахуммэ бикэ Iэщбэхьна, уэ бикэ Iэмсэйна, уэ бикэ нэхья, уэ бикэ нэмуут, уэ Iилэйкэн-нушуур). ЗэманкIэ пщыхьэщхьэмэ: (Iэллаhуммэ бикэ Iэмсэйна, уэ бикэ Iэщбэхьна, уэ бикэ нэхья, уэ бикэ нэмуут, уэ Iилэйкэл-мэщийр). И мыхьэнэр: Я, Аллаh! УэркIэ нэху къыттощхьэ (жэщ къыттохъуэ), УэркIэ жэщ къыттохъуэ (нэху къыттощхьэ), УэркIэ допсэу, УэркIэ долIэж, дызэкIуэлIэжынури Уи дежщ .

5

И къеджэкIэр: (Iэллаhуммэ Iэнтэ рэббий, ла Iилаhэ Iилла Iэнтэ, хъэлэкътэний уэ Iэнэ гьэбдукэ, уэ Iэнэ гьэла гьэhдикэ уэ уэгьдикэ мэстэтIэгьту, Iэгьуу-зу бикэ мин шэрри ма щэнэгьту, Iэбуу-Iу лэкэ бинигьмэтикэ гьэлэйе, уэ Iэбуу-Iу бизэнбий, фэгъфир лий, фэIиннэhуу ла егъфируз-зунуубэ Iилла Iэнтэ). И мыхьэнэр: Я, Аллаh, Уэращ си Тхьэр, Уэр фIэкIа тхьэ щыIэкъым, уэ сыкъэбгъэщIащ, сэри – сыурипщылIщ, уэ уэста псалъэмрэ укъызэрызгъэгугъамрэ сытетщ зэрыслъэкIкIэ. Злэжьахэм я ягъэм сыщыпхъумэжыну сыножалIэ. Сэ къызэбгъэхъулIа фIыгъуэмкIэ зызумысыж; си гуэныхьымкIи зызумысыжри – къысхуэбгъэгъуну сынолъэIу; пэжыращи, гуэныхьхэр Уэр фIэкIа зыгъэгъу щыIэкъым .

6

И къеджэкIэр: (Iэллахуммэ Iинний Iэщбэхьту (пщыхьэщхьэмэ:Iэмсэйту) Iушhидукэ, уэ Iушhиду хьэмэлэтэ гьэршикэ, уэ мэлаIикэтэкэ, уэ джэмийгьэ хъэлкъикэ, Iэннэкэ Iэнтэл-Лаhу ла Iилаhэ Iилла Iэнтэ уэхьдэкэ ла шэрийкэ лэкэ, уэ Iэннэ Мухьэммэдэн гьэбдукэ уэ рэсуу-лукэ). (ПлIэ (4) жыIэн пщэдджыжьми пщыхьэщхьэми). И мыхьэнэр: Я, Аллаh, сэ нэху сыкъекIащ (жэщ къыстехъуащ) Уэри щыхьэту узогъэувыж, уи Гьэршыр зезыхьэ мелыIычхэри, адрей уи мелыIычхэри, къэбгъэщIа псори щыхьэту согъэув Уэ узэрыАлыхьымкIэ, Уэр фIэкIа тхьэ зэрыщымыIэмкIэ; узакъуэу, гъусэ уимыIэу; Мухьэммэд (лъапIэри) уэ уи лIыкIуэу икIи уи пщылIу зэрыщытымкIэ .

7

И къеджэкIэр: (Iэллаhуммэ ма Iэщбэхьэ бий (пщыхьэщхьэмэ: Iэмса бий) мин нигьмэтин, Iэу биIэхьэдин мин хъэлкъикэ, фэминкэ уэхьдэкэ ла шэрийкэ лэкэ, фэлэкэл-хьэмду, уэ лэкэш-шукру). И мыхьэнэр: Я, Аллаh! Сэ нэху къыздекIа (жэщ къыздытехъуа) фIыгъуэхэри, е къэбгъэщIахэм дэтхэнэ зым къехъулIэри къызыбгъэдэкIыр Уэ уи закъуэщ. Уэ гъусэ уиIэкъым, фIыщIэ зыхуэсщIри щытхъур зейр Уэрщ .

8

И къеджэкIэр: (Iэллаhуммэ гьафиний фий бэдэний, Iэллаhуммэ гьафиний фий сэмгьий, Iэллаhуммэ гьафиний фий бэщэрий, ла Iилаhэ Iилла Iэнтэ. Iэллаhуммэ Iинний Iэгьуу-зу бикэ минэл-куфри, уэл-фэкъри, уэ Iэгьуу-зу бикэ мин гьэзабил-къэбри, ла Iилаhэ Iилла Iэнтэ). (3-рэ жыIэн). И мыхьэнэр: Я, Аллаh! Си IэпкълъэпкъкIэ сыгъэузыншэ. Я, Аллаh! Си зэхэзых къарумкIэ сыгъэузыншэ. Я, Аллаh! Зылъагъу къарумкIэ сыгъэузыншэ, Уэр нэмыщI нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым. Я, Аллаh! Уэ сыпкъуоувэ джаурыгъэмрэ факъырагъэмрэ сащыпхъумэну, уэ сыножалIэ кхъэ гьэзабым сыщыпхъумэну, щыIэкъым тхьэ нэгъуэщI Уэр фIэкIа!.

9

И къеджэкIэр: (Хьэсби-ел-Лаhу ла Iилаhэ Iилла hу-уэ, гьэлэйhи тэуэккэлту уэ ху-уэ рэббул-гьэршил-гьэжьийм). И мыхьэнэр: Алыхьыр сиIэщ (Ар схурикъунщ), Абы фIэкIа тхьэ щыIэкъым, си Iуэхур абы бгъэдэслъхьащ, Ар Гьэршышхуэм и Тхьэщ .

10

И къеджэкIэр: (Iэллаhуммэ Iинний IэсIэлукэл-гьэфуэ уэл-гьафи-етэ фид-дуня уэл-Iахъирэ, Iэллаhуммэ Iинний IэсIэлукэл-гьэфуэ уэл-гьафи-етэ: фий дийний, уэ дун-яе, уэ Iэhлий, уэ малий; Iэллаhуммэстур гьэуратий, уэ Iамин рэугьатий, Iэллаhуммэхьфэжьний мин бэйни едэй-е, уэ мин хъэлфий, уэ гьэн емини, уэ гьэн шималий, уэ мин фэукъий, уэ Iэгьуу-зу бигьэжьэмэтикэ Iэн Iугъталэ мин тэхьтий). И мыхьэнэр: Я, Аллаh! ДунеягъэкIи ахърэткIи узыншагъэрэ гъэгъуныгъэрэкIэ сынолъэIу. Я, Аллаh! Си динымкIи, си дунеймкIи, си унагъуэкIи, си мылъкукIи узыншагъэрэ гъэгъуныгъэрэкIэ сынолъэIу. Я, Аллаh! ЩIэхъумапхъэу збгъэдэлъыр схущIэхъумэ, сызыщышынэхэмкIэ сигу къыхэмыщтыкIыжын сыщI. Я Аллаh! Си гупэмкIи, си щIыбагъымкIи, си ижьырабгъумкIи, си сэмэгурабгъумкIи, си щIыIумкIи сыкъыщыхъумэ. Си щIагъымкIэ бэлыхь сыщыхэхуэным сыщыпхъумэну Уэ уи Иныгъэм сыкъуоувэ.

11

И къеджэкIэр: (Iэллаhуммэ гьалимэл-гъэйби уэш-шэhадэ, фатIирэс-сэмауати уэл-Iэрд, рэббэ кулли шэйIин уэ мэликэh, Iэшhэду Iэн ла Iилаhэ Iилла Iэнтэ, Iэгьуу-зу бикэ мин шэрри нэфсий, уэ мин шэрриш-шэйтIани уэ ширкиhи, уэ Iэн Iэкътэрифэ гьэла нэфсий суу-Iэн, Iэу Iэджуррэhу Iила муслим). И мыхьэнэр: Я, Аллаhу нэрылъагъури нэрымылъагъури зыщIэу, уафэхэри щIылъэри къэзыгъэщIа! Сыт ищIысми и Тхьэу сыт ищIысри зей! Сэ сыщы¬хьэтщ уэр нэмыщI тхьэ зэрыщымыIэмкIэ; сыпкъуоувэ си нэфсым и Iейми, шейтIаным и Iейми, шейтIаным гъусэ къызэрыбгуигъэувым и Iейми – сащып¬хъу¬мэ¬ну. Сыпкъуоувэ си псэм бэлыхь теслъхьэжыным е нэгъуэщI муслъымэн гуэрым бэлыхь теслъхьэным сыщыпхъумэну .

12

И къеджэкIэр: (Бисмил-Лаhиллэзий ла едурру мэгьэс-миhий шэйIун фил-Iэрди, уэ ла фис-сэмаIи, уэ hу-уэс-Сэмигьул-Гьэлийм). И мыхьэнэр: И ЦIэр къипIуа иужь, уафэм щыIэхэми, щIылъэм щыIэхэми я ягъэ къомыкIыжу укъэзыхъумэ Алыхьым и цIэкIэ. Ар псори Зэхэзыхщ, псори ЗыщIэщ .

13

И къеджэкIэр: (Рэдийту бил-Лаhи рэббэн, уэ бил-Iислами динэн, уэ би Мухьэммэдин щэллэл-Лаhу гьэлэйhи уэ сэллэмэ нэбий-ен). . (Щэрыщэ жыIэн пщэдджыжьми пщыхьэщхьэми). И мыхьэнэр: Арэзы сытехъуащ тхьэуэ – Алыхьым, дину – Ислъамым, бегъымбару – Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысын, Мухьэммэдым .

14

И къеджэкIэр: (Я Хьэйю я Къэйюм, бирэхьмэтикэ Iэстэгъийĉ, Iэщлихь лий шэIний куллэh, уэ ла тэкилний Iила нэфсий тIэрфэтэ гьэйн). И мыхьэнэр: Уа Псэу! Уа сыт иIысри зытезыIыгъэ! Уи гущIэгъумкIэ дэIэпыкъуэгъу узыхузощI, си Iуэхухэр псори щхьэпэн схуэщI, си нэфсым зы напIэ IэтыгъуэкIэ сыкъыхуумыгъанэ .

15

ЗэманкIэ пщэдджыжьмэ: И къеджэкIэр: (Iэщбэхьна уэ Iэщбэхьэл-мулку лиллаhи рэббил-гьалэмийнэ, Iэллаhуммэ Iинний IэсIэлукэ хъэйрэ hазэль еу-ми: фэтхьэhуу, уэ нэщрэhуу, уэ нурэhуу, уэ бэрэкэтэhуу, уэ hудаhу, уэ Iэгьуузу бикэ мин шэрри ма фийhи, уэ шэрри ма бэгьдэh ). ЗэманкIэ пщыхьэщхьэмэ: И къеджэкIэр: (Iэмсэйна уэ Iэмсэл-мулку лиллаhи рэббил-гьалэмийнэ. Iэллаhуммэ Iинний IэсIэлукэ хъэйрэ hазиhил-лэйлэти: фэтхьэhа, уэ нэщрэhа, уэ нуурэhа, уэ бэрэкэтэhа, уэ hудаhа, уэ Iэгьуузу бикэ мин шэрри ма фийhа, уэ шэрри ма бэгьдэhа ). И мыхьэнэр: Дэри, дэр нэмыщIу щыIэхэри, псори, Алыхьу дунейхэм я Тхьэм ейуэ нэху дыкъекIащ (жэщ къыттехъуащ). Я Аллаh! Нобэрей махуэм (жэщым) и фIыгъуэмкIэ сынолъэIу – абы къызэIухыныгъэу, текIуэныгъэу, нуру, берычэту, узэщIыныгъэу къыздихьынумкIэ. Абы къриубыдэ Iеймрэ, абы къыкIэлъыкIуэнум и Iеймрэ сащыпхъумэну сыныпкъуоувэ .

16

И къеджэкIэр: (Iэщбэхьна (пщыхьэщхьэм: Iэмсэйна) гьэла фитIрэтил-Iислам, уэ гьэла кэлимэтил-Iихълащ, уэ гьэла дини нэбийина Мухьэммэд, щэллэл-Лаhуу гьэлэйhи уэ сэллэм, уэ гьэла миллэти Iэбина Iибраhимэ, хьэнифэн муслимэн, уэ ма канэ минэл-мушрикин). И мыхьэнэр: Нэху дыкъекIащ (жэщ къыттехъуащ) муслъымэн щIыкIэм диту, гъэпэжыныгъэ псалъэм дытету, ди бегъымбару Мухьэммэд, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, и диным диту, ди адэшхуэу Iибраhим бегъымбар лъапIэу – хьэнифу (тхьэр игъэзакъуэу) муслъымэным, Алыхьым гъусэ хуэзыщIхэм ящымыщу щытам – и миллэтым (и гупышхуэм) дыщыщу .

17

И къеджэкIэр: ( Субхьанэл-Лаhи уэ бихьэмдиh ). И мыхьэнэр: Алыхьу Лъагэр хуэмыфащэхэм хэIэтыкIащ, езым хуэфэщэж щытхъури ейщ .

18

И къеджэкIэр: ( Ла Iилаhэ Iиллэл-Лаhу уэхьдэhуу ла шэрийкэ лэh, лэhул-мулку уэ лэhул-хьэмду, юхь-ий уэ юмийту, уэ hуу-уэ гьэла кулли шэйIин къэдийр). И мыхьэнэр: Закъуэу икIи гъусэ зимыIэ Алыхьым фIэкIа нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым, мылъкур зейр Аращ, фIыщIэр зейр Аращ, Абы къегъэщI икIи егъэлIэж, Абы псори хузэфIокI .

19

И къеджэкIэр: (Ла Iилаhэ Iиллэл-Лаhуу уэхьдэhуу ла шэрийкэ лэh, лэhул-мулку уэ лэhул-хьэмду, уэ hу-уэ гьэла кулли шэйIин къэдийр). (I0-рэ жыIэн) , (е I-рэ жыIэн щхьэхынагъэр къыщытекIуэм деж) . И мыхьэнэр: Закъуэу икIи гъусэ зимыIэ Алыхьым фIэкIа тхьэ щыIэкъым, мылъкур зейр Аращ, фIыщIэр зейр Аращ, Абы и лъэкIыныгъэр сытми пхокI .

20

И къеджэкIэр: (Субхьанэл-Лаhи уэ бихьэмдиh: гьэдэдэ хъэлкъиh, уэ рида нэфсиh, уэ зинэтэ гьэршиh, уэ мидадэ кэлиматиh). (Пщэдджыжьым щэней (3) жыIэн). И мыхьэнэр: Алыхьыр хуэмыфащэхэм хэIэтыкIащ, Езым хуэфэщэж фIыщIи иIэщ: къигъэщIахэм я бжыгъэм хуэдизу, езыр арэзы зытехъуэжын хуэдизу, и Гьэршым и хьэлъагъым хуэдизу, абы и псалъэхэр зытхыфын шэкъэ хуэдизу .

21

И къеджэкIэр: (Iэллаhуммэ Iинний IэсIэлукэ гьилмэн нафигьэн, уэ ризкъэн тIэийбэн, уэ гьэмэлэн мутэкъэббэлэн). И мыхьэнэр: Я, Аллаh, сэ сынолъэIу – сэбэпынагъ зыпылъ щIэныгъэкIэ, ерыскъы къабзэкIэ, къабыл хъун лэжьыгъэкIэ укъысхуэупсэну .

22

И къеджэкIэр: (Iэстэгъфирул-Лаh, уэ Iэтуу-бу Iилэйh). (Щэрэ (100) жыIэн махуэм къыриубыдэу). И мыхьэнэр: Алыхьым гъэгъуныгъэкIэ солъэIу, Абы и дежи тобэ къыщызохьыж .

23

И къеджэкIэр: (Iэллаhуммэ щэлли уэ сэллим гьэла нэбий-ина Мухьэммэд). (ПщIэрэ (I0) жыIэн пщэдджыжьми пщыхьэщхьэми). И мыхьэнэр: Я Аллаh, ди бегъымбар Мухьэммэд лъапIэм уи нэфIыр къыщыгъахуи, хъуэхъум я нэхъыфIри къылъыгъэс .

Zaker copied