IИСТИХЪАРЭ НЭМЭЗЫМ И ДУГЬЭ

1

КъаIуэтэж Джабир ибн Абдуллахыу, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным, жиIауэ: Алыхьым и лIыкIуэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, сыт хуэдэ Iуэхуми теухуауэ нэхъыфIыр къытхухихыну Алыхьым делъэIуну дригъасэрт, КъурIэным и сурэхэм дызэрыхуигъасэм хуэдэу. Мыр жиIэт: «Фи языхэзым зыгуэр ищIэну мурад ищIмэ, фарз нэмэз мыхъуу, (псапэ нэмэзу) тIысыгъуитI ирещIи, итIанэ мыр жыреIэ: (мыбдежым и Iуэхур хегъэувэ) – - И къеджэкIэр: (Iэллаhуммэ Iинний Iэстэхъийрукэ бигьилмикэ, уэ Iэстэкъдирукэ бикъудрэтикэ, уэ IэсIэлукэ мин фэдликэл-гьэжьийми, фэIиннэкэ тэкъдиру уэ ла Iэкъдиру, уэ тэгьлэму уэ ла Iэгьлэму, уэ Iэнтэ гьэлламул-гъуюб. Iэллаhуммэ Iин кунтэ тэгьлэму Iэннэ hазэл-Iэмрэ - (мыбдежым и Iуэхур хегъэувэ) – хъэйрун лий фи динии, уэ мэгьашии, уэ гьакъибэти Iэмрии, фэкъдурhу лий уэ ессирhу лий, ĉуммэ барик лий фийhи, уэ Iин кунтэ тэгьлэму Iэннэ hазэл-Iэмрэ шэррун лий фий дийний, уэ мэгьаший, уэ гьакъибэти Iэмрий, фэщрифhу гьэнний, уэщрифний гьэнhу, уэкъдур лиел-хъэйрэ хьэйĉу канэ ĉуммэ Iэрдиний биh). И мыхьэнэр: Я Аллаh, Уэ нэхъ уощIэри – нэхъыфIыр къысхухэпхыну сынолъэIу, Уэ нэхъ плъокIри – ар слъэбгъэкIынуи сынолъэIу; уи упсэныгъэ инымкIи сынолъэIу. НтIэ аракъэ, Уэ плъокI, сэ слъэкIкъым; Уэ уощIэ сэ сщIэркъым, Уэращ щэху псоми щыгъуазэр. Я Аллаh, мы Iуэхугъуэр (мыбдежым и Iуэхур хегъэувэ) си динкIи, си гъащIэкIи, си Iуэхухэм я кIэух хъунумкIи нэхъыфIу щытмэ, ар къызэхъулIэну Iэмыр схуэщI, икIи къысщыгъэпсынщIэ, иужькIи берычэтыр абы схухэлъхьэж. Ауэ (а Iуэхугъуэр) си динкIи, си гъащIэкIи, си Iуэхухэм я кIэух хъунумкIи Iейуэ щытмэ, абы щыгъуэ сыщыхъумэ абы, сэри абы сыбгъэдэгъэкIуэти, фIыр дэнэ щымыIами къысхуэух, итIанэ арэзы сыкъэщIыж абыкIэ . Пэжыращи – нэхъыфIыр къыхухихыну КъэзыгъэщIам елъэIур, къигъэщIахэми ечэнджэщыр, сакъыныгъэкIэ Iуэхум бгъэдыхьэр зэикI щIегъуэжыркъым. Езы Алыхьми къыжреIэ и лIыкIуэ лъапIэм мыпхуэдэу: …IуэхумкIэ абыхэм ечэнджэщи, зыгуэрым тебубыдэмэ (абы теухуауэ), Алыхьым щыгугъ .

Zaker copied