И къеджэкIэр: (Iэстэгъфирул-Лаh)-3-ней. И мыхьэнэр: Алыхьым къысхуигъэгъу. И къеджэкIэр: (Iэллаhуммэ Iэнтэс-сэлам, уэ минкэс-сэлам, тэбарэктэ я зэл-джэлали уэл-Iикрам). И мыхьэнэр: Я, Аллаh, Уэ Езыр усэламщ. Уи дежщ къыздикIри сэламыр, Уэ Зыхуэдэ щымыIэ, Уэ Иныгъэ зыбгъэдэлъу пщIэ зыхуащI .
И къеджэкIэр: (Ла Iилаhэ Iиллэл-Лаhу уэхьдэhуу, ла шэриикэ лэh, лэhул-мулку уэ лэhул-хьэмду, уэ hуу-уэ гьэла кулли шэйIин къэдийр, Iэллаhуммэ ла манигьэ лима IэгьтIэйтэ, уэ ла мугьтIие лима мэнэгьтэ, уэ ла енфэгьу зэл-джэдди минкэл-джэдду). И мыхьэнэр: Закъуэу икIи Iыхьэгъу зимыIэ Алыхь лъагэм фIэкIа тхьэ щыIэкъым, мылъкур зейр аращ, фIыщIэр зейр аращ, Абы и лъэкIыныгъэр сыт ищIысми пхокI. Я, Аллаh, Уэ птар зыубыдыжыфын щыIэкъым, Уэ быубыдыжари зытыфын щыIэкъым. ЛъэкIыныгъэ зиIэми и лъэкIыныгъэр Уи деж къыщыщхьэпэжынукъым .
И къеджэкIэр: (Ла Iилаhэ Iиллэл-Лаhу уэхьдэhуу ла шэриикэ лэhуу, лэhул-мулку уэ лэhул-хьэмду, уэ hуу-уэ гьэла кулли шэйIин къэдийр. Уэ ла хьэулэ уэ ла къууэтэ Iилла бил-Ляh; ла Iилаhэ Iиллэл-Лаh, уэ ла нэгьбуду Iилла Iийяh, лэhун-нигьмэту уэ лэhул-фэдлу, уэ лэhуĉ-ĉэнаIул-хьэсэн. Ла Iилаhэ Iиллэл-Лаh, мухълищиинэ лэhуд-диин, уэ лэу кэриhэл-кафируун). И мыхьэнэр: Закъуэу икIи гъусэ зимыIэу Алыхь Лъагэм фIэкIа нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым, мылъкур зейр Аращ, фIыщIэр зейр Аращ, Абы и лъэкIыныгъэр сытми пхокI. ЛъэкIыныгъи къаруи зыми иIэфынукъым Алыхьым емыпхауэ. Тхьэ щыIэкъым Алыхьым нэмыщI; Абы фэкIа нэгъуэщIми дыхуэпщылIкъым, фIыгъуэри, упсэныгъэри аращ зыбгъэдэлъыр; Тхьэ щыIэкъым Алыхьым нэмыщI; къабзэу Абы и закъуэ дыбгъэдэтщ, джаурхэм ар яфIэмыфIми .
И къеджэкIэр: ( Субхьанэллаh ) 33-рэ. И мыхьэнэр: ХэIэтыкIащ Алыхьыр . И къеджэкIэр: ( Iэлльхьэмду лил-Лаh ) 33-рэ. И мыхьэнэр: ФIыщIэр ейщ Алыхьым. И къеджэкIэр: ( Iэллаhу Iэкбэр ) 33-рэ. И мыхьэнэр: Алыхьыр нэхъ Инщ . И къеджэкIэр: ( Ла Iилаhэ Iиллэл-Лаhу уэхьдэhуу ла шэриикэ лэhуу, лэhул-мулку уэ лэhул-хьэмду, уэ hуу-уэ гьэла кулли шэйIин къэдийр). И мыхьэнэр: Закъуэу икIи гъусэ зимыIэу Алыхь лъагэм фIэкIа нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым, мылъкур зейр Аращ, фIыщIэр зейр Аращ, Абы и лъэкIыныгъэр сытми нос
И къеджэкIэр: ( Бисмил-Лаhир-Рэхьманир-Рэхьийм. (Къул hу-уэл-Лаhу Iэхьэд, Iэл-Лаhущ-Щэмэд, лэм елид уэ лэм юулэд, уэ лэм екун лэhуу куфу-уэн Iэхьэд ) И мыхьэнэр: ЖыIэ: Ар, Алыхьыр – Закъуэщ. Алыхьыр псори зыхуэныкъуэу зыми хуэмыныкъуэжщ. Лъхуакъым, икIий къалъхуакъым. ИкIи абы хуэбгъэдэн зыри щыIэкъым . И къеджэкIэр: ( Бисмил-Лаhир-Рэхьманир-Рэхьийм. Къул Iэгьуу-зу бирэббил-фэлэкъ, мин шэрри ма хъэлэкъ, уэ мин шэрри гъасикъин Iиза уэкъэб, уэ мин шэррин-нэффаĉати фил-гьукъэд, уэ мин шэрри хьасидин Iиза хьэсэд ) И мыхьэнэр: ЖыIэ: КIыфIыр къызэгуэзыч нэхум и Тхьэм сыкъуоувэ: къигъэщIахэм я Iейми; сытри щыщIиуфэм и деж кIыфIым и Iейми; щхъухьпсыхьым епщэхэм я Iейми; щыфыгъуэм и деж фыгъуакIуэм и Iейми – сaщихъумэну . И къеджэкIэр: ( Бисмил-Лаhир-Рэхьманир-Рэхьийм. Къул Iэгьуу-зу бирэббин-нас, мэликин-нас, Iилаhин-нас, мин шэрриль уэс-уасил-хъэннас, Iэллэзий юуэс-уису фий щудуу-рин-нас, минэл-джиннэти уэн нас) И мыхьэнэр: ЖыIэ: Cыкъуоувэ цIыхухэм я Тхьэм, цIыхухэм я Пщым, цIыхухэм ЗыхуэпщылIым: къоIущащэрейуэ зызудыгъужрейм (шейтIаным) и Iейм; цIыхухэм ягухэм екIэ къиIущащэм и Iейм – сащихъумэну, ар жынхэм ящыщми, цIыхухэм ящыщми .
И къеджэкIэр: ( Iэл-Лаhу ла Iилаhэ Iилла hу-уэл-Хьэйюл-Къэйюм, ла тэIхъузуhуу синэтун уэ ла нэу-м. Лэhуу ма фис-сэмауати уэ ма фил-Iэрд, мэн зэллэзи ешфэгьу гьиндэhуу Iилла биIизниh. Егьлэму ма бэйнэ Iэйдийhим уэ ма хъэлфэhум, уэ ла юхьийтIуу-нэ бишэйIин мин гьилмиhий Iилла бима шаI. Уэсигьэ курсийюhус-сэмауати уэл-Iэрд, уэ ла еIуудуhуу хьифжьуhума уэ hу-уэл-Гьэлийюл-Гьэжьийм ). И мыхьэнэр: Алыхьым фIэкIа нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым. Псэущ, ЗэтезыIыгъэщ. Щхьэукъуэнми жейми яубыдыркъым Ар. Уафэхэм щыIэхэри, щIылъэм щыIэхэри Абы ейщ. Абы Езым и IизынкIэ фIэкIа – хэт Абы и деж къыщыпщхьэщыжыфын?! Абы ещIэ (къигъэщIахэм ялэжьауэ) я пащхьэ илъри, (ялэжьыну) я щIыбагъ къыдэлъри. Абы и щIэныгъэм щыщу ар зыхуейм хуэдизым фIэкIа зыри къыхуэухьынукъым къигъэщIахэм я щIэныгъэм. Абы и Курсийм (тахътэм) уафэхэри щIылъэри еуфэбгъу. А тIур (уафэхэмрэ щIылъэмрэ) хъумэнри къехьэлъэкIкъым Абы. Ар нэсу Лъагэщ, Ин и Иныжщ .
И къеджэкIэр: ( Ла Iилаhэ Iиллэл-Лаhу уэхьдэhуу ла шэрийкэ лэh, лэhул-мулку уэ лэhул-хьэмду, юхь-ий уэ юмийту, уэ hуу-уэ гьэла кулли шэйIин къэдийр). И мыхьэнэр: Закъуэу икIи гъусэ зимыIэ Алыхьым фIэкIа нэгъуэщI тхьэ щыIэкъым, мылъкур зейр Аращ, фIыщIэр зейр Аращ, Абы къегъэщI икIи егъэлIэж, Абы псори хузэфIокI .
И къеджэкIэр: (Iэллаhуммэ Iинний IэсIэлукэ гьилмэн нафигьэн, уэ ризкъэн тIэийбэн, уэ гьэмэлэн мутэкъэббэлэн). И мыхьэнэр: Я, Аллаh, сэ сынолъэIу – сэбэпынагъ зыпылъ щIэныгъэкIэ, ерыскъы къабзэкIэ, къабыл хъун лэжьыгъэкIэ укъысхуэупсэну .