СЭЛАМ ЯМЫТ ЩIЫКIЭ, ЖАIЭ ДУГЬЭХЭР

1

И къеджэкIэр: Iэллаhуммэ Iинни Iэгьуузу бикэ мин гьэзабил-къэбр, уэ мин гьэзаби джэhэннэм, уэ мин фитнэтил-мэхь-я уэл-мэмат, уэ мин шэрри фитнэтил-мэсихьид-дэджджал . И мыхьэнэр: Я, Аллаh, сэ Уэ сыпкъуоувэ сыщыпхъумэну кхъэм и гьэзабми, Жэхьэнэмэм и гьэзабми, псэуныгъэмрэ лIэныгъэмрэ я къаугъэми, Дэджджал мэсихьым и къаугъэм и Iеягъэми.

2

И къеджэкIэр: Iэллаhуммэ Iинни Iэгьуузу бикэ мин гьэзабил-къэбри, уэ Iэгьузу бикэ мин фитнэтил-мэсихьид-дэджджали, уэ Iэгьуузу бикэ мин фитнэтил-мэхь-я уэл-мэмат. Iэллаhуммэ Iинни Iэгьуузу бикэ минэл-мэIĉэми уэл-мэгърэм . И мыхьэнэр: Я, Аллаh, сэ Уэ сыпкъуоувэ сыщыпхъумэну кхъэм и гьэзабми, Дэджджал мэсихьым и къаугъэми; сыпкъуоувэ сыщыпхъумэну псэуныгъэмрэ лIэныгъэмрэ я къаугъэми; я, Аллаh, сыпкъуоувэ сыщыпхъумэну гуэныхьщIапIэми, щIыхуэм (и бэлыхьми) .

3

И къеджэкIэр: Iэллаhуммэ Iинни жьэлэмту нэфсии жьулмэн кэĉирэн, уэ ла егъфируз-зунубэ Iилла Iэнтэ, фэгъфир ли мэгъфирэтэн мин гьиндикэ, уэрхьэмни, Iиннэкэ Iэнтэл-Гъэфур-Рэхьиим . И мыхьэнэр: Я, Аллаh, сэ си щхьэм леишхуэ есхыжащ, икIи гуэныхьхэр Уэр нэмыщI зыми игъэгъуркъыми – Уэ уи деж къикI гъэгъуныгъэкIэ къысхуэгъэгъу, гущIэгъуи къысхуэщI; Уэращ Зыгъэгъур, Уэращ ГущIэгъулы и ГущIэгъулыжыр .

4

И къеджэкIэр: Iэллаhуммэ-гъфир лии ма къэддэмту, уэ ма Iэхъхъэрту, уэ ма Iэсрэрту уэ ма Iэгьлэнту, уэ ма Iэсрэфту, уэ ма Iэнтэ Iэгьлэму биhи минни. Iэнтэл-Мукъэддиму, уэ Iэнтэл-МуIэхъхъиру, ла Iилаhэ Iилла Iэнтэ . И мыхьэнэр: Я, Аллаh, пасэу къысIэщIэщIари, иужькIэ къысIэщIэщIари, щэхуу злэжьари, наIуэ къэсщIари, зэрезгъэлеяри, сэр нэхъыфIу уэ пщIэуэ щытри къысхуэгъэгъу. Уэращ Япэ изыгъэщри, Яужь къизынэри; Уэр нэмыщI тхьэ щыIэкъым .

5

И къеджэкIэр: Iэллаhуммэ Iэгьинни гьэла зикрикэ, уэ шукрикэ, уэ хьусни гьибадэтикэ . И мыхьэнэр: Я, Аллаh, къыздэгъэпсынщIэ: (си бзэгумкIэ) уи цIэр (куэдрэ) жысIэныр; (си гумкIэ) шыкур пхуэсщIыныр; (си IэпкълъэпкъымкIэ) екIуу сыпхуэпщылIыныр .

6

И къеджэкIэр: Iэллаhуммэ Iинни Iэгьуузу бикэ минэл-бухъли, уэ Iэгьуузу бикэ минэл-джубни, уэ Iэгьуузу бикэ Iэн Iурэддэ Iила Iэрзэлил-гьумури, уэ Iэгьуузу бикэ мин фитнэтид-дун-я, уэ Iэгьуузу бикэ мин гьэзабил-къэбр . И мыхьэнэр: Я, Аллаh, сэ Уэ сыпкъуоувэ сыщыпхъумэну нэпсеягъэм; апхуэдэуи сэ Уэ сыпкъуоувэ сыщыпхъумэну къэрабгъагъэм; апхуэдэуи сэ Уэ сыпкъуоувэ сыщыпхъумэну гъащIэм и пудыныгъэм сынэсыным; апхуэдэуи сэ Уэ сыпкъуоувэ сыщыпхъумэну дунейм и къайгъэм ; апхуэдэуи сэ Уэ сыпкъуоувэ сыщыпхъумэну кхъэм и гьэзабым .

7

И къеджэкIэр: (Iэллаhуммэ Iинний IэсIэлукэл-джэннэтэ уэ Iэгьуузу бикэ минэн-нар). И мыхьэнэр: Я, Аллаh, сынолъэIу сэ уэ ЖэнэткIэ, икIи сыпкъуоувэ МафIэм сыщыпхъумэну.

8

И къеджэкIэр: Iэллаhуммэ Iинни IэсIэлукэ я Iэллаh, биIэннэкэл-Уахьидул-Iэхьэдущ-Щэмэдуллэзии лэм елид уэ лэм юулэд, уэ лэм екун лэhуу куфууэн Iэхьэд – Iэн тэгъфирэ лии зунууби, Iиннэкэ Iэнтэл-Гъэфуурур-Рэхьиим . И мыхьэнэр: Я, Аллаh, сэ Уэ сынолъэIу я Аллаh, уэ узэры-Зыуэ, узэры-Закъуэу, узэры-КIэухыншэу зыри къэзымылъхуауэ, Езыри зыми къимылъхуауэ, Езым хуэдэ зыри щымыIэу узырыщытым (и хьэтыркIэ) си гуэныхьхэр къысхуэбгъэгъуну – Уэ, шэч хэмылъыжу, Угуэныхьгъэгъущ, УгущIэгъущIщ . * НэгъуэщI духьэхэри щыIэщ.

Zaker copied