МуIэзиныр азэн къыщыджэкIэ, жиIэм хуэдэ дыдэу уэри уи жыбоIэ. Ауэ мыбыхэм: И къеджэкIэр: Хьэйе гьэлэщ- щэлаh, хьэйе гьэлэщ-щэлаh, Хьэйе гьэлэл-фэлахь, хьэйе гьэлэл-фэлахь И мыхьэнэр: ФыхуэпIащIэ нэмэзым, фыхуэпIащIэ нэмэзым, ФыхуэпIащIэ ехъулIэныгъэм, фыхуэпIащIэ ехъулIэныгъэм – дэтхэнэм иужькIи жыбоIэ: И къеджэкIэр: ( Ла хьэулэ уэ ла къууэтэ Iилла бил-Лаh ). И мыхьэнэр: ЛъэкIыныгъи, къаруи зыми иIэфынукъым Алыхьым емыпхауэ .
И къеджэкIэр: (Уэ Iэнэ Iэшhэду Iэн ла Iилаhэ Iиллэл-Лаhу уэхьдэhуу ла шэрийкэ лэhуу, уэ Iэннэ Мухьэммэдэн гьэбдуhуу уэ рэсуулуhуу. Рэдийту бил-Лаhи рэббэн, уэ би Мухьэммэдин рэсуулэн, уэ бил-Iислами динэн). И мыхьэнэр: Сэри щыхьэт сытохъуэ Алыхьым нэмыщI тхьэ зэрыщымыIэм, гъусэ зэримыIэм, Мухьэммэд Абы и пщылIу, и лIыкIуэу зэрыщытым. Арэзы сытехъуащ Тхьэуэ – Алыхьым, ЛIыкIуэу – Мухьэммэдым, дину – Ислъамым . * Азэн къэджэныр зэфIэкIмэ, бегъымбарым щэлэуат къыхуэпхьынщ .
И къеджэкIэр: (Iэллаhуммэ рэббэ hазиhид-дэгь-уэтит-таммэти, уэщ-щалатил-къаIимэти, Iати Мухьэм¬мэдэнил-уэсилэтэ, уэл-фэдилэтэ, уэбгьэĉху мэкъамэн мэхьмудэнил-лэзи уэгьэд тэhуу, ]Iиннэкэ ла тухълифул-миигьад[). И мыхьэнэр: Я, Аллаhу, мы къыхуеджэныгъэ нэгъэсамрэ мы нэмэз яублэнумрэ я Тхьэ! Къет Мухьэммэд уэсилэри, фIыгъуэри; лъэгъэIэс Уэ узыщытхъуа теувапIэу ар къызэрыбгъэгугъами; ]ипэжыпIэкIэ, утекIыжкъым Уэ уи псалъэм[ . * Азэнымрэ Iикъамэмрэ я зэхуакум уи щхьэм папщIэ Алыхьым уелъэIунщ, сыту жыпIэмэ абдежым уи дугьэр жэуапыншэу къанэркъым .