IУЭХУ ЩХЬЭПЭ КУЭД КЪЫЗЭЩIЭЗЫУБЫДЭ ХЬЭДИС

1

Бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным: жиIащ: Пшапэр зэхэуэмэ, фи сабийхэр зэфшэлIэж, а зэманым шейтIанхэр къожьэ. Жэщыр тIэкIу хэкIуатэмэ, я гугъу фымыщIыж. Фи бжэхэри вгъэбыдэ, Алыхьым и цIэри жыфIэ, шейтIаным бжэ хуэщIа Iуихыркъым. Фи кхъуэщыныщхьэхэри фIэфпхыкI, Алыхьым и цIэри жыфIэ. Фи тепщэчхэми зыгуэр ятефпхъуэ, Алыхьым и цIэри жыфIэ; зыри мыхъумэ зыгуэр зэпрыдзауэ тефлъхьэ. Фи уэздыгъэхэри вгъэункIыфI .

Zaker copied