Бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, жиIащ: Зы махуэм къыриубыдэу щэрэ (100) Субхьанэл-Лаh уэ бихьэмдиhи хэт жиIэми, абы и гуэныхьхэр кIэрыщэщэнущ, ахэр тенджызым тет тхъурымбэм хуэдиз хъуами .
Бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, жиIащ: Хэт пщIэней (10): И къеджэкIэр: (Ла Iилаhэ Iиллэл-Лаhу уэхьдэhуу ла шэриикэ лэhуу, лэhул-мулку уэ лэhул-хьэмду, уэ hуу-уэ гьэла кулли шэйIин къэдийр) жиIэми, ар Исмагьил (гьэлейхис-сэламым) и бынхэм щыщу цIыхуиплI пщыл1ып1эм къизышыжам хуэдэ хъунущ .
Бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, жиIащ: ПсалъитI (щыIэщ) бзэгум тыншу къипсэлъу, тэрэзэ-мизаным хьэлъэу илъу, Алыхьми фIыуэ илъагъуу: И къеджэкIэр: (Субхьанэл-Лаhи уэ бихьэмдиhи, субхьанэл-Лаhил-Гьэжьим).
Бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, жиIащ: Дыгъэр зытепсэу щыIэм нэхърэ нэхъ къэсщтэнщ мы псалъэхэр: ХьэрыпыбзэкIэ: И къеджэкIэр: (Субхьанэл-Лаhи, уэл-хьэмду лил-Лаhи, уэ ла Iилаhэ Iиллэл-Лаhу уэл-Лаhу Iэкбэр) .
Мыри жиIащ Бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным: Махуэ къэс псапэ мин къыфхуэмыхьыфу ара фэ? . Абдежым зэхэсхэм ящыщ зы щIэупщIащ: - Сыт хуэдэу псапэ мин къызэрытхьыфынур? Щэрэ (100) тэсбихь жиIэнщи, псапэ мин хуатхынщ е гуэныхь мин хуалъэщIыжынщ .
Мыри жиIащ Бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным: И къеджэкIэр: (Субхьанэл-Лаhил-Гьэжьим уэ бихьэмдиhи) жызыIам зы хъурмэ жыг Жэнэтым щыхухасэнущ .
Мыри жиIащ Бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным: Уа, Гьэбдуллаh ибн Къейс, Жэнэтым и ф1ыгъуэ гъэт1ылъахэм ящыщ зы къозгъэщIэн? - НтIэ, Алыхьым и лIыкIуэ!, - жысIащ. ЖыIэ: И къеджэкIэр: (Ла хьэулэ уэ ла къууэтэ Iилла бил-Лаh) .
Мыри жиIащ Бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным: НэхъыфI дыдэу Алыхьым илъагъу псалъэхэр (мы) плIырщ: И къеджэкIэр: (Субхьанэл-Лаhи, уэл-хьэмду лил-Лаhи, уэ ла Iилаhэ Iиллэл-Лаhу уэл-Лаhу Iэкбэр). Абыхэм дэтхэнэмкIэ къэбублэми ягъэ кIынукъым .
Зы губгъуэрыс гуэр Алыхьым и лIыкIуэ лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, и деж къакIуэри жиIащ: - ЖысIын гуэр сыгъащIэ. Бегъымбарыр къэпсалъэри жиIащ: ЖыIэ: И къеджэкIэр: (Ла Iилаhэ Iиллэл-Лаhу уэхьдэhуу ла шэриикэ лэhуу, Iэл-Лаhу Iэкбэру кэбирэн, уэл-хьэмду лил-Лаhи кэĉирэн, субхьанэл-Лаhи рэббил-гьалэминэ, ла хьэулэ уэ ла къуутэ Iилла биллаhил-Гьэзизил-Хьэким). Губгъуэрысыр къэпсалъэри: - Ахэр си Тхьэм папщIэщ, сэр папщIэ сыт (жысIэнур)?, - жиIащ. ЖыIэ: И къеджэкIэр: (Iэллаhуммэгъфир лии, уэрхьэмнии, уэhдинии, уэрзукънии).
Ислъам диныр зыгуэрым къищтэмэ, мыбыхэмкIэ дугьэ ищIыну бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, унафэ хуищIу щытащ: И къеджэкIэр: (Iэллаhуммэгъфир лии, уэрхьэмнии, уэ гьафинии, уэрзукънии).
– Духьэм я нэхъыфIыр: - (Iэл-хьэмду лил-Лаh)-ращ, Зикрым я нэхъыфIри: - (Ла Iилаhэ Iиллэл-Лаh)-ращ .
Iэл-Бакъият Iэщ-Щалихьатыр ар: И къеджэкIэр: (Субхьанэл-Лаhи, уэл-хьэмду лил-Лаhи, уэ ла Iилаhэ Iиллэл-Лаhу уэл-Лаhу Iэкбэр, уэ ла хьэулэ уэ ла къуутэ Iилла биллаh)-ращ .