IИСТИГЪФАРЫМРЭ ТОБЭМРЭ

1

Бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, жиIащ: Алыхьым и цIэкIэ соIуэ, зы махуэм къыриубыдэу сэ блыщIым щIигъурэ Алыхьым деж истигъфар къыщызохькIэ, тоби къыщызохьыжк1э .

2

Алыхьым и лIыкIуэ лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, мыри жиIащ: Уа, цIыхухэ! Алыхьым и деж тобэ къыщыфхьыж; сэ зы махуэм къыриубыдэу щэм щIигъурэ тобэ Абы деж къыщызохьыж .

3

Мыри жиIащ Бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным: Мы псалъэхэр: И къеджэкIэр: Iэстэгъфирул-Лаhэллэзи ла Iилаhэ Iилла hуу, 1эл-Хьэйел-Къэйумэ, уэ Iэтуубу Iилейhи. жызыIам Алыхьым къыхуигъэгъунущ, зэхьфым къыхэжыжу къэкIуэжами .

4

Мыпхуэдэуи жиIащ Бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным: Тхьэр пщылIым нэхъ пэгъунэгъу дыдэ щыхуэхъур жэщым и иужьрей 1ыхьэращи, а зэманым ирихьэлIэу Алыхьыр зикр зыщIхэм ящыщ уэри ухъуфыну щытмэ – хъу .

5

6

Мыри жиIащ Бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным: Си гум зыгуэр къыщытрихьэ щыIэщи, зы махуэм къыриубыдэу щэрэ (100) Iистигъфар сощI сэ .

Zaker copied