ШЕЙТIАН УГЪУРСЫЗХЭМ Я БЗАДЖАГЪЭМ ЕЗЫГЪЭГЪАЗЭ ДУХЬЭ

1

И къеджэкIэр: (Iэгьузу бикэлиматил-Лаhит-тамматил-лэти ла юджауизуhуннэ бэррун уэ ла фаджирун, мин шэрри ма хъэлэкъэ, уэ зэрэIэ, уэ бэрэIэ, уэ мин шэрри ма ензилу минэс-сэмаIи, уэ мин шэрри ма егьруджу фиhа, уэ мин шэрри ма зэрэIэ фил-Iэрди, уэ мин шэрри ма ехъруджу минhа, уэ мин шэрри фитэнил-лэйли уэн-нэhар, уэ мин шэрри кулли тIарикъин Iилла тIарикъэн етIрукъуу бихъэйрин я Рэхьман). И мыхьэнэр: Алыхьым и Псалъэ ирикъуахэу, цIыхуфIри цIыху Iейри зыблэмыкIыфынухэм сакъуоувэ сыщахъумэну – къигъэщIахэми, къигъэхъуахэми, псэ зыхилъхьахэми я Iейм, уафэм къехым и Iейм, абы дэкIуейми и Iейм; щIым тетхэми я Iейм, абы къыхэкIхэми я Iейм; жэщымрэ махуэмрэ я фитнэхэм я Iейм; жэщым хэт къытхуэкIуэми и Iейм, фIыкIэ къытхуэкIуэм къищынэмыщIа Уэ, ГущIыгъущI! .

Zaker copied