Зы мывэ цIыкIу идзыхукIэ Iэллаху Iэкбэр жиIэрт (бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зытеIуа хъуным). Мывэ дзыпIищым и дежи апхуэдэу щищIырт. ИтIанэ IукIуэтырти, къиблэмкIэ гъэзауэ, и IитIри Iэтауэ, лъаIуэу щытт япэрей дзыпIэмрэ етIуанэрей дзыпIэмрэ деж. Иужьрей дзыпIэм, Джэмрэтул-Гьэкъэбэ -кIэ зэджэм дежи, мывэхэр идзт, тэкбир жиIэурэ, ауэ абдежым къыщызэтеувыIэртэкъым .