Бегъымбар лъапIэр, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыныр, Щэфа Iуащхьэм пэгъунэгъу щыхуэхъум къеджащ мыбы: И къеджэкIэр: (Iиннэщ-Щэфа уэл-Мэруэтэ мин шэгьаIирил-Лаh) IэбдэIуу бима бэдэIэл-Лаhу биh . И мыхьэнэр: (ИпэжыпIэкIэ Щэфамрэ Мэруэмрэ Алыхьым и нагъыщэхэм щыщщ). Сыхуожьэ Алыхьыр зэрыхуежьамкIэ . Щэфа IуащхьэмкIэ и Iуэхур иублащ; абы дэкIуейри, къаплъэмэ Кэгьбэ лъапIэр илъагъуу щыхъум, абыкIэ (къиблэмкIэ) зигъазэри, Алыхьыр игъэзэкъуащ, игъэинащ, мыр жиIащ: И къеджэкIэр: (Ла Iилаhэ Iиллэл-Лаhу уэхьдэhуу ла шэрийкэ лэhуу, лэhул-мулку, уэ лэhул-хьэмду, уэ hууэ гьэла кулли шэйIин къэдийр. Ла Iилаhэ Iиллэл-Лаhу уэхьдэhуу. Iэнджэзэ уэгьдэhуу, уэ нэщэрэ гьэбдэhуу, уэ hэзэмэл-Iэхьзабэ уэхьдэhуу). И мыхьэнэр: ЩыIэкъым тхьэ езы Алыхьым фIэкIа, гъуси иIэкъым. Аращ зыIэщIэлъыр тепщэныгъэр, щытхъури Абы ейщ. Абы и къарур сытми полъэщ. ЩыIэкъым тхьэ езы Алыхьым фIэкIа. Алыхьым и псалъэр игъэпэжащ, и пщылIми дэIэпыкъуащ, (диным и бий) гупхэри и закъуэ зэтрикъутащ . Щэнейрэ къытригъэзэжурэ ахэр жиIащ лIыкIуэ лъапIэм, зэ жиIэм, дугьэ ищIурэ . Хьэдисым къызэрыхэщымкIэ, бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, Мэруэ Iуащхьэм и дежи апхуэдэ дыдэу щищIащ .