Алыхьым и лIыкIуэ лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, жиIащ: Iиман фиIэ мыхъуауэ Жэнэтым фихьэфынукъым, Iимани фиIэнукъым фIыуэ фызэрымылъэгъуауэ. Зы Iуэхугъуэ гуэри фэзгъэщIэнщ сэ фэ, ар вгъэзащIэмэ, фIыуэ фызэрылъагъуну – сэлам зэхыныр куэду вгъэбагъуэ .
Алыхьыр арэзы зыхуэхъун Гьэммар жиIащ: Iуэхугъуищ щыIэщи, ахэр зэгъусэу хэт хэлъми, абы Iиманыр зэхуихьэсащ: нэгъуэщIыр уи щхьэм еплъытэныр; псоми сэлам япхыныр; уиIэ мащIэм къыхэпхыурэ сэдэкъэ птыныр .
Ибн Гьумэру, Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным къеIуэтэж: зы лIы гуэр бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, къеупщIащ: - Ислъамым сыт нэхъыфI дыдэу хэт (лэжьыгъэхэр)? – жиIэри. - Уи шхыныр ябгъэшхын (цIыхухэми, псэущхьэхэми); пцIыхуми, умыцIыхуми сэлам япхын, - къритащ жэуап абы лIыкIуэ лъапIэм.