БЕГЪЫМБАР ЛЪАПIЭМ, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, ЩЭЛЭУАТ КЪЫХУЭХЬЫНЫМ ФIЫГЪУЭУ ПЫЛЪЫР

1

Бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, жиIащ: Сэ щэлэуат зэ къысхуэзыхьым, Алыхьым щэлэуатипщI къыхуихьынущ .

2

Мыпхуэдэуи жиIащ лIыкIуэ лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным: Си кхъащхьэр зэблэкIыпIэ фымыщIу щэлэуат къысхуэфхь. Фэ фи щэлэуатыр дэнэ фыщымыIами къыслъоIэсыж сэ .

3

Мыри жиIащ, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным: Нэпсейр – ар си цIэр зэхэзыхыу щэлэуат къысхуэзымыхьарщ .

4

Мыпхуэдэуи жиIащ, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным: Алыхьым иIэщ мелыIыч – мы щIым къыщакIухьу тету, си Iуммэтым я сэламыр си дежи къагъэсыжу .

5

Мыри жиIащ, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным: Хэти ирехъу, сэлам зыгуэрым къызихмэ, Алыхьым си псэр къысхелъхьэжри, сэлам абы изохыж .

Zaker copied